Адыгэм и хадащIэ, жыггъэкI кIулътIурэр/Ещанэ Iыхьэ

ФIэхъус узох, адыгэ и бын. Жыг бгъэкIыу, бгъэкIар зыхуэбгъэщхьэпэрэ псапи хэпщIыкIыу упсэумэ, жыг хадэ щIэныр хабзэу Iэмал имыIэу къыбдекIуэкIынущ. Аращи, адыгэм и хадащIэ, жыггъэкI кIулътIурэм дыщытепсэлъыхькIэ, ди адэжьхэм жыг хадэу яIам и гугъу дымыщIыныр тфIэемыкIущ. Къэдуугъуеижар кIамэлъамэми, ди блэкIам дриплъэжынщи, ди адэжьхэм я псэхэр зыщыгуфIыкIын, нобэрейхэр дызыгъэгушхуэн, къэкIуэнуми хуэщхьэпэну тщыхъу зы нэтынкIэ утыку дынихьэнщ.
Back to Top