Дыгъэгъазэ удж/Налщыч/
Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ!
Анэдолэ, дыщэ къуэладжэ,
ПсынщIэ теIуэ,
ФIы теIуатэ,
Iэ ижьым егъэублэ,
Iэ сэмэгум егъэух
Уэ ди Тхьэ, Тхьэшхуэ,
ЩIышхуэр зи Iэужь,
Нобэ дыгъэгъазэщ,
Нобэ дыгъэ ещIэжщ.
Дыгъэм зыщигъазэм
Ди Iуэху зыдигъазэу,
Дызэщыгъуазэу, дызэрыгъуазэу
Тхьэм дыщигъыIэ
Созэрэщ и жыгыр
Къудамиблу зэщIэблэу,
Зэблагъэр дызэхуеблагъэу,
Благъагъэр тщымыгъупщэу,
Тщыгъупщар къэтщIэжу,
КъэтщIэжар къэтщтэжу
Жылэрэ махуэрэ
Лъэпкъыжь махуэу
Тхьэм дигъэпсэу
Шыбзыхъуэхэ Астемыр