Аибашьцәа Аԥсны иацхрааз ш.
Руслан Кап - Сэ си цlэр Руслъанщ, Къэп лъэпкъым сыщыщщ. Зауэр 1992 гъэм щыщlидзам сэ шэшэнхэм сахэту, Руслан Гелаевыр ди пашу бгымкlэ дыкъикlащ. Тхуэщlэр тщlащ, тщlэн хуейр дгъэзэщlащ. Зи псэ зытахэр я цlэр мыкlyэдын Тхьэм ищl. Нэгъуэщl зыри схухэлъхьэнукъым.
Мизан Кәыџба - Дау фыщытхэ ныбжьэгъухэ. Нобэ сигуми си псэми къыдэкlыу сыхуейт псалъэ дахэ яжесlыну ди къуэш сэбэп къытхуэхъуахэм зауэ зэманым щыгъуэ. Нобэ ахэр ди хьэщlэщ. Абыхэм яхэтщ адыги, абази, осетины, нэгъуэщlхэри. Псалъэ гуапэ яхуэфащэщ дэтхэнэ зы унагъуэми, зи бын къыддэlэпыкъуахэм зауэ зэманым, дапхуэдиз гугъуехь абы пымылъами. Дыхуейт дызыкъуэту дыпсэуну, гуэпагъэ ди адэжьхэм къытхуагъэнар тщымыгъупщэну, зы унагъуэм хуэдэу дыпсэуну. Ди къуэш зи гъащlэ зауэм зытахэр зейкl тщымыгъупщэн Тхьэм дищl ди къэкlуэнум папщlэ. Игъащlэкlи дызыкъуэтщ, Кавказым дырибынщ.