#21-2 (68-70 пычыгъуэхэр) Iэл-Гьэкъидэ ТIэхьауийе - Ди ФIэщхъуныгъэр
№21/2 Дерсыр: 68-70 пычыгъуэхэм я шэрхь.
[68]-“Арамэ, егъэлеяуэ абы теухуауэ сакъ: (уи) хэплъэнкIи, (уи) хэгупсысыхьынкIи, (уи) хъуцэцэнкIи, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Аллаху Тэгьалам Ухыныгъэм теухуа щIэныгъэр къигъэщIахэм ящибзыщIащ, ар къалъыхъуэнри къапиубыдащ. Къызэрыхэщауэ (Аллаху) Тэгьалам и Тхылъым: “Езым (Алыхьым) ищIэмкIэ зыри къеупщIыркъым, ауэ езыхэм къеупщIыжынущ“.
[69]-“Сыт апхуэдэу щIищIар?“-, жиIэрэ хэт (мыарэзыуэ) щIэупщIэми, абы КъурIэным и унафэр къабыл имыщIауэ аращ. КъурIэным и унафэр къабыл зымыщIри иманыншэхэм ящыщ хъуащ“.
[70]-“Аращ, къызэщIэкъуауэ зыхуэныкъуэр, Алыхьым фIыуэ къилъэгъуахэм щыщу, зи гум нур къырадзар. ЩIэныгъэм лъэ быдэкIэ хэтхэри (зытет) теувапIэр аращ“.