Къербэч и гъыбзэ - Хаждал Кунижев

“Къербэч и гъыбзэ“ в исполнении Хаждала Кунижева - народного артиста КБАССР. “Къербэчым уи ныбжьэгъу пэжыри, уой, Гуауэшхуэм сызэщlеlулlэр, Къэхъуахэм фыщlэмыупщlэми, уой, Си гъыбзэм фыкъыщlэдэlу мыгъуэт уей. Къишати си ныбжьэгъу закъуэми, уой, Уэй тlокlэ нызэрыдошэ, Щауэщlэм и япэ жэщыми, уой, Нысащlэр фызабэу къонэри, уей. Тхьэlухудым зыщимыгъэнщlурэ, уой, Къербэчым ныщебзэрабзэр, Бзэджащlэм я фоч лъэдакъэмкlэ, уой, Лэгъунэбжэр нытыракъутэри, уей. Къербэчым и хэтlэ хэсэри, уой, Губгъуэжьым щерегъэкlуэкlыр, Нысащlэр зыхуэгузавэри, уой, А жэщым къимыгъэзэж мыгъуэм, уей. Сэрмахуэ уи шыгъуэ цlыкlури, уой, А махуэм шы щхьэ мыгъазэт, Къербэчым къэбгъэзэжынкlэрэ, уой, Нысащlэр къыпщыгугъа мыгъуэт, уей. Ди нысэм уи лэрыпс цlыкlури, уой, А махуэм къызэролъэлъыр, Нэпс гуащlэр къыпфlелъэлъэхыурэ, уой, Лэгъунэм укъыщlашыж мыгъуэр, уей.“
Back to Top