Бэч Азэмэт/Къуэджыбердыкъуэ Мыхьэмэт и гъыбзэ
Урыс-адыгэ зауэм и лIыхъужь Къуэджэбердыкъуэ Мыхьэмэт хуауса гъыбзэр.
Къуэджэбердыкъуэ Мыхьэмэт и уэрэдыр
ТIуапсыпэ гущэмэ топхэр щогъуагъуэри, е-уэредэ,
А ней, Жьыубгъу гущэмэ лъыпсыр щагъажэ.
Топ узэд гущэхэр къытхухэзышри, е-уэредэ,
А ней, КъуэджэбердыкъуэкIэ ди Мыхьэмэтт.
КIеикIэ гущэмэ дыкъыщыдэплъэкIэ, еуэ, е-уэредэ,
А ней, пщIэгъуалэ гущэр унэ хуэкIуэжт.
КъуэджэбердыкъуэкIэ ди Мыхьэмэтри, е-уэредэ,
А ней, Мыхьэмэт гущэр уIэгъэ хьэлъэт.
Жэщыбг гущэмэ шэр хырегъэхри, е-уэредэ,
А ней, нэхущ къабзэ г